Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Я ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖАІЭЖ | АНТОНИО ДЕЛЛА-ГАТТА

Сыт дин пашэм и члисэр къыщІигъэнар?

Сыт дин пашэм и члисэр къыщІигъэнар?

АНТОНИО Делла-Гатта Рим къалэм илъэсибгъукІэ щеджа иужь 1969-нэ гъэм дин пашэ хъуащ. ИужькІэ Италием щыІэ Неаполь къалэм семинарием и ректору лэжьащ. Абы щыщыІэм зэджахэр куууэ зэпкърихыу егупсыса иужькІэ къыгурыІуащ католикхэм зыхурагъаджэр Библием итым зэрытемыхуэр. «Фыкъызэщыу!» журналым и корреспондентым Антонио жриІэжащ Алыхь пэжыр къызэригъуэтам теухуауэ.

Уи сабиигъуэм теухуауэ къыджепІэжын?

Сэ 1943-нэ гъэм Италием сыкъыщалъхуащ. Си унагъуэр щыпсэур къуажэ цІыкІут. Си адэр пхъащІэт икІи фермэм щылажьэт. Си адэ, си анэм сэри си къуэш, си шыпхъухэри католикхэм я диным дыщІапІыкІат.

Дин пашэ ухъуну сытыт ущІыхуейр?

Сыщысабийм щыгъуэ члисэм дин пашэхэр къызэрыщыпсалъэр сигу ирихьт. Сэ сыдихьэхт абыхэм я макъымрэ хабзэ зэрахьэхэмрэ. Абы къыхэкІкІэ сэ дин пашэ сыхъуну сыщІэхъуэпст. Илъэс 13 сыщыхъум мамэ школа-интернатым сритащ дин пашэ сыхъун щхьэкІэ нэхъ куууэ седжэну.

Фэ абы Библиер щывджрэт?

Дджыуэ жыпІэ хъунутэкъым. Илъэс 15 сыщыхъум щыгъуэ дезыгъаджэхэм ящыщ зым Хьисэ и гъащІэм тепсэлъыхьыж хъыбарыфІыр къызитати, сэ абы мызэ-мытІэу седжащ. Илъэс 18 сыщыхъум Рим сыкІуэри, католикхэм я Іэтащхьэм и университетищым сыщеджащ. Сэ абы щызджащ богословиер, историер, философиер, психологиер, латиныбзэр, алыджыбзэр. Дэ Библием ит едзыгъуэхэр гукІэ жытІэу икІи тхьэмахуэ махуэм Библием къызэреджэм дедаІуэу щытами, дэ ар дджыуэ жыпІэ хъунутэкъым.

Ректор ущыхъуам щыгъуэ нэгъуэщІхэр ебгъаджэрэт?

Университетым къыщекІуэкІ псом сызэрыкІэлъыплъым си зэманыр нэхъыбэу тезгъэкІуадэми, сэ «декрет Второго Ватиканского собора» жыхуаІэм хуезгъаджэт.

Уи диным шэч къытепхьэу сытыт ущІэхъуар?

Сэ Іуэхугъуищым сигъэпІейтейт: япэрауэ, члисэр политикэм зэрыхэІэбэм; етІуанэрауэ, дин пашэхэмрэ члисэм къекІуалІэхэмрэ мыхъумыщІагъэм зэрызыщамыдзейм; ещанэрауэ, члисэм зыхурагъаджэхэр пэжу къэслъытэтэкъым. Псалъэм папщІэ, си щхьэм схуигъэзагъэтэкъым лъагъуныгъэшхуэ зыхэлъ Алыхьым цІыхухэр лІа иужькІэ игъащІэ псокІэ хьэзаб иригъэшэчу. Абы нэмыщІ гукІэ зэдгъэщІа тхьэлъэІухэр щыгъэ дгъажэурэ къытедгъэзэжу жытІэну Алыхьыр хуей жысІэу сегупсыст. *

Сыт уэ пщІар?

Сэ си нэпсыр къыщІэжу Алыхьым селъэІут абы гъуэгу пэжыр сигъэлъэгъуну. Абы нэмыщІ католикхэм итальяныбзэкІэ къыдагъэкІа къудей «Иерусалимская Библия» жыхуиІэр къэсщэхури, абы седжэу щІэздзащ. Тхьэмахуэ махуэм мессэ нэужьым си щыгъынхэр щыфІэздзэжым семинарием цІыхухъуитІ къэкІуат. Ахэр Иеговэ и Щыхьэту къыщІэкІащ. Дин пэжыр къызэрыбгъуэтыным теухуауэ дэ сыхьэтым щІигъукІэ дызэпсэлъащ.

А цІыхухэр уэ дауэ къыпщыхъуа?

Сэ згъэщІэгъуащ абыхэм фІэщхъуныгъэ быдэ яІэу зэрыпсэлъар икІи едзыгъуэхэр католикхэм я Библием псынщІэу къызэрыщагъуэтыр. ИужьыІуэкІэ Марио зицІэ Иеговэ и Щыхьэтым си деж къакІуэу щІидзащ. Ар щэбэт къэс, дунейр дапхуэдэу щымытами, дыгъэ къепсми, уэшх къешхми, пщэдджыжьым сыхьэтибгъум си деж хьэзыру щытт.

НэгъуэщІ дин пашэхэм ахэр къызэрыкІуэр дапхуэдэут къазэрыщыхъур?

Сэ абыхэм яжесІат, хуейуэ щытмэ, Библиер щыдджкІэ ди гъусэу щысыну, ауэ зыми абы мыхьэнэ иритакъым. Сэ егъэлеяуэ сфІэфІт Библиер зджыну. Сэ куэд щІауэ сызыгъэпІейтей упщІэхэм я жэуапхэр къысІэрыхьащ. Псалъэм папщІэ, Алыхьым залымыгъэмрэ гугъуехьхэмрэ щІыщигъэІэм и щхьэусыгъуэр.

УвыпІэ нэхъ лъагэ зыІыгъ дин пашэхэм Библие джыныр къэбгъэнэну ухагъэзыхьтэкъэ?

1975-нэ гъэм сэ мызэ-мытІэу Римым сыкІуащ диным теухуауэ си еплъыкІэр яжесІэну. УвыпІэ лъагэ зиІэ дин пашэхэм сыщыуэу жаІэт, ауэ абы щыхьэт техъуэу Библием иту зыри сагъэлъэгъуфтэкъым. Абы къыхэкІкІэ 1976-нэ гъэм, щІышылэм и 9 сэ Римым письмо стхащ католику зэрызызмыбжыжыр иту. МахуитІ дэкІа нэужь сэ семинариер къэзгъанэщ, поездым ситІысхьэри, япэ дыдэу Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэІущІэм сыкІуащ. Ар зэхуэс зыбжанэ щызэхуэса Иеговэ и Щыхьэтхэм я конгрессу къыщІэкІащ. Абы щыслъэгъуар сэ сызыхэтам куэдкІэ къыщхьэщыкІт. Иеговэ и Щыхьэтхэм щхьэж езым и Библие иІыгъыжт. Псалъэ жызыІэм и гъусэу ар къызэІуахт икІи абыхэм темэ зэмылІэужьыгъуэхэр зэпкърахт.

Уи унагъуэм а псор дауэ къазэрыщыхъуар?

Си унагъуэм щыщхэм и нэхъыбэр егъэлеяуэ къыспэщІэуващ. Ауэ сэ къэсщІащ си къуэшхэм ящыщ зым Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библиер зэриджыр. Ар Италием и ищхьэрэ лъэныкъуэмкІэ щыІэ Ломбрадием щыпсэут. Сэ абы и деж сыкІуащ. А щІыпІэм щыпсэу Иеговэ и Щыхьэтхэр къыздэІэпыкъуащ сызыщІэсын унэрэ лэжьыгъэрэ къэзгъуэтыну. ИужьыІуэкІэ а илъэс дыдэм сэ псым зыщІэзгъауэри, Иеговэ и Щыхьэт сыхъуащ.

Сэ зыхызощІэ пэж дыдэу Алыхьым гъунэгъу сызэрыхуэхъуар

Унафэ къэпщтам ухущІегъуэжа?

Хьэуэ, сыхущІегъуэжакъым. Сэ зыхызощІэ пэж дыдэу Алыхьым гъунэгъу сызэрыхуэхъуар, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэ си щІэныгъэр зытегъэщІар философиемрэ члисэм и хабзэмрэкъым, атІэ Библиеращ. Иджы сэ фІэщхъуныгъэ быдэ сиІэу, си гум къыбгъэдэкІыу нэгъуэщІхэр пэжым хузогъаджэ.

^ абз. 13 Мы упщІэхэми нэгъуэщІ упщІэ куэдми Библием жэуап ирет. (БИБЛИЕМ ЗЫХУРИГЪАДЖЭР > ДИ УПЩІЭХЭМ БИБЛИЕМ ИРИТ ЖЭУАПХЭР вкладкэм еплъ.)