ФЫКЪЫЗЭЩЫУ! № 2 2018 | Унагъуэр насыпыфІэ хъуну къыдэІэпыкъу чэнджэщ 12
Унагъуэр насыпыфІэ хъуну къыдэІэпыкъу чэнджэщ 12
Псоми ящІэ сыт хуэдэ гугъуехьхэм унагъуэр зэтрикъутэми, ауэ ар насыпыфІэ зыщІыр сыту пІэрэ?
1990 гъэм щыщІэдзауэ 2015 гъэм нэс США-м илъэс 50-м щІигъуа зэщхьэгъусэхэм я нэчыхьыр зэрырагъэкъутэжым и бжыгъэр тІукІэ хэхъуащ, илъэс 65-м щІигъуахэм — щыкІэ.
Адэ-анэхэм ящІэныр ямыщІэу къэнащ: языныкъуэ экспертхэм зэрыжаІэмкІэ, сабийм щытхъупсыр сыт щыгъуи къебгъэжэхын хуейщ, адрейхэм зэрыжаІэмкІэ, сабийм зэрыхъукІэ нэхъ ткІийуэ ухущытмэ нэхъыфІщ.
ЩІалэгъуалэм унагъуэ яухуэну йопІэщІэкІ, я нэчыхьыр насыпыфІэ хъун щхьэкІэ зыхуэныкъуэну хьэл-щэнхэр иджыри зыхамылъхьами.
Ауэ:
Уи унагъуэр быдэу икІи насыпыфІэу игъащІэкІэ упсэуфынущ.
Адэ-анэхэм лъагъуныгъэ хэлъу я сабийхэр ягъэсэфынущ.
ЩІалэгъуалэм я нэчыхьыр насыпыфІэ хъун щхьэкІэ, зыхуэныкъуэну хьэл-щэнхэр зыхалъхьэфынущ.
Дауэ? Мы журналым уеджэмэ, уэ къэпщІэнущ уи унагъуэр насыпыфІэ хъун щхьэкІэ фэ къывдэІэпыкъуну чэнджэщ 12.
1 Узэхуэпэжыныр
Мы чэнджэщищыр фэ къывдэІэпыкъунущ фи зэхущытыкІэхэр нэхъ быдэ фщІыну.
2 Узэдэлэжьэныр
Уи щхьэгъусэм дауэ узэрыхущытыр — уи щІылъэныкъуэм хуэдэу хьэмэрэ уи гъунэгъум хуэдэу?
3 Фи зэхуаку пщІэ дэлъыныр
Уи псалъэхэмкІэрэ уи ІуэщІафэхэмкІэрэ уи щхьэгъусэм пщІэ зэрыхуэпщІ хъунум теухуауэ къащІэ.
4 Зэхуэбгъэгъуныр
Уи щхьэгъусэм хуэбгъэгъуну сыт къыбдэІэпыкъунур?
5 Узэдэуэршэрыныр
Фи сабийхэм ныбжьэгъу фахуэхъуну къывдэІэпыкъуну чэнджэщищыр.
6 Сабийр бгъэсэныр
Сабийр бгъэсэну и ужь узэритым щхьэкІэ, абы и щхьэм мыгъуагъэ хуихьыжыну?
7 Узытетын хуей хабзэхэр
Сыт хуэдэ хабзэхэм тету сабийр бгъэсэн хуей?
8 ЩапхъэфІ егъэлъагъу
Уэ езым умыщІэ гуэр уи сабийхэм ящІэну яхуумыгъэувмэ, ахэр нэхъ жыІэдаІуэу щытынущ.
9 Хэт ухъуну?
ЩІалэгъуалэм дауэ зригъэса хъуну и фІэщ хъум быдэу тетыну?
10 Узыщыгугъ хъуну цІыхуу щыт
ЦІыху балигъ хъун щхьэкІэ, щІалэгъуалэм и адэ-анэм и дзыхьыр къилэжьын хуейщ.
11 Лэжьыгъэр фІыуэ лъагъу
Щхьэхынэу къэхъуа цІыхум ехъулІэныгъэ иІэнукъым.
12 Мурадхэр гъэув
Бгъэува мурадхэр къызэрохъулІэм къару къыпхелъхьэ, уи ныбжьэгъухэм нэхъ гъунэгъу уахуещІ икІи нэхъ насыпыфІэ уещІ.
Унагъуэм папщІэ чэнджэщыфІ куэд иджыри щыІэщ
Библием ит чэнджэщхэм я фІыгъэкІэ уи унагъуэр нэхъ быдэ икІи нэхъ насыпыфІэ хъунущ.