ХЪУМАКІУЭ ЧЭЩАНЭ № 1 2023 | Психическэ узыншагъэр. Библием ит чэнджэщхэр
Дунейм цІыху мелуан куэд тетщ психикэм пыщІа узыфэкІэ сымаджэу. Ди ныбжьым, ди мылъкум, дбгъэдэлъ щІэныгъэм, дыкъызыхэкІа лъэпкъым емылъытауэ, дэтхэнэ зыри апхуэдэ узхэм дыпэщІэхуэфынущ. Мы журналыр психикэм пыщІа узхэм икІи ахэр цІыхум къызэреуз щІыкІэм топсэлъыхь. Дэ къэтщІэнущ психическэ уз зиІэхэм Іэмал имыІэу дохутырхэр зыдагъэІэпыкъун щІыхуейр, абы нэмыщІ къэтщІэнущ абыхэм Библиер дапхуэдэу къадэІэпыкъуфынуми.
Психикэм епха узыфэхэм дуней псом зыщаубгъуащ
Психическэ узыншагъэм епха гугъуехьхэр цІыхум и ныбжьым, бгъэдэлъ щІэныгъэм икІи къилэжь ахъшэм емылъытауэ, хэти къеуэлІэфынущ. Библием ит чэнджэщхэр цІыхум и психическэ узыншагъэм сэбэп зэрыхуэхъуфынум теухуауэ нэхъыбэ къащІэ.
Алыхьыр къызэрыддэІэпыкъур
Ди Алыхь Иеговэ ди гупсысэхэри, ди гурыщІэхэри зыми хуэмыдэу къызэрыгурыІуэм сыт шэч къыщІытедмыхьэр?
1 | ТхьэлъэІур. «Фи гуныкъуэгъуэ псори Тхьэм ефхьэлІэ»
Дызыгъэгузавэ псори, пэж дыдэу, Алыхьым хуэтІуатэ хъуну? ЦІыху сымаджэм дауэ тхьэлъэІур къызэрыдэІэпыкъур?
2 | «Тхьэм и псалъэ тхахэм... гушхуэныгъэ диІэ ягъэхъу»
Библием гугъэ къыдет эмоциональнэ узыншагъэм епха гугъуехьхэр щымыІэжыну.
3 | Алыхьым и лэжьакІуэхэм я щапхъэр
Алыхьым и лэжьакІуэхэм теухуауэ Библием дыщеджэм деж, абыхэми ди гурыщІэхэм хуэдэ яІэу зэрыщытам гу лъыдотэ. Абы и фІыгъэкІэ закъуэныгъэр апхуэдэу къыттехьэлъэжкъым.
4 | Библием ит чэнджэщ щхьэпэхэр
Библием итым узэрегупсысыр икІи узылъэІэсыфыну мурадхэр зэрыбгъэувыр къыбдоІэпыкъу психическэ узыфэхэм уебэныну. Абы теухуауэ къащІэ.
Психическэ узыншагъэм епха гугъуехь зиІэ цІыхум дауэ узэрыдэІэпыкъу хъунур?
Психикэм епха узыфэ зиІэм узэрыдэІэпыкъум абы и дежкІэ уасэ иІэкъым.