Психикэм епха узыфэхэр щыщымыІэжыну зэманыр къоблагъэ
Алыхьыр психическэ узыншагъэм епха гугъуехь зиІэхэм ядоІэпыкъу. Абы къыбгъэдэкІ чэнджэщхэмрэ гузэгъэгъуэмрэ и Псалъэ Библием итщ.
Абы нэмыщІ Алыхьым дыкъегъэгугъэ психическэ узыншагъэм епха гугъуехьхэм я къежьапІэм кІэ иритыну.
Алыхьым дыкъызэригъэгугъэ псалъэр игъэзэщІэжа иужь психическэ узыншагъэм епха гугъуехьхэмрэ гукъэкІыж Іейхэмрэ щыІэжынукъым. Библием итщ: «БлэкІа Іуэхухэр зыми игу къигъэкІыжынукъым икІи абыхэм зыри игъэгузэвэжынукъым» (Исайя 65:17).
Иеговэ и Щыхьэтхэм я гуапэу къыбжаІэнущ мы псалъэхэр дапщэщ икІи дауэ гъэзэщІа хъунуми.