1 | ТхьэлъэІур. «Фи гуныкъуэгъуэ псори Тхьэм ефхьэлІэ»
БИБЛИЕМ ИТЩ: «Фи гуныкъуэгъуэ псори Тхьэм ефхьэлІэ, абы и нэІэ къыфтригъэтщи» (1 ПЕТР 5:7).
Сыт абы къикІыр?
Алыхь Иеговэ къыдолъэІу дызыгъэгузавэ псори абы хуэтІуэтэну (Псалом 55:22). Ди гугъуехьыр мыхьэнэншэ цІыкІуу е хэкІыпІэ зимыІэ гугъуехьышхуэу къытщыхъуми, абы теухуауэ Алыхьым делъэІу хъунущ. Ди дежкІэ мыхьэнэ зиІэм Иеговэ и дежкІи мыхьэнэ иІэщ. ТхьэлъэІур къыддоІэпыкъу ди гум мамырыгъэ илъыну (Филиппи 4:6, 7).
Дауэ ар къызэрыбдэІэпыкъуфынур?
Иныкъуэм деж къытщыхъуфынущ ди узыфэм ди закъуэу дебэну икІи зыми икІэм нэс дыкъыгурымыІуэу (Притчи 14:10). Ауэ Алыхьым зыхуэдгъазэрэ дызыгъэгузавэ псомкІэ дыдэгуашэмэ, дэ зыхэтщІэнущ абы дыкъызэрыгурыІуэр икІи ар къызэрытхуэгузавэр. Иеговэ фІы дыдэу ещІэ икІи елъагъу дэ дызыпэщІэхуэ гугъуехьхэри, зыхэтщІэ узри, ди узыфэм дебэнын щхьэкІэ тедгъэкІуадэ къарури. Ар хуейщ дызыгъэгузавэ псори ди тхьэлъэІум хэту абы жетІэну (2 Летопись 6:29, 30).
Иеговэ тхьэлъэІукІэ нэхъыбэрэ зыхуэдгъэзэху, нэхъыфІу къыдгуроІуэ абы лъапІэу дызэрилъытэр. «Уэ уощІэ хьэзаб сшэчыр, си псэм телъ бэлыхьри уолъагъу» (Псалом 31:7). Мы псалъэхэр зытхам иІа гурыщІэхэм хуэдэ дэри диІэфынущ. Иеговэ фІы дыдэу дызэрызэхищІикІыр зэрытщІэ къудейр къыддоІэпыкъу ди Іуэхур гугъу дыдэ щыхъум дежи ди Іэр едмыхьэхыну. Ауэ Иеговэ ди Іуэхур зэрымытыншыр илъагъу къудейуэ аракъым, атІэ абы зыми хуэмыдэу ещІэ гугъу дезыгъэхьыр икІи ар хьэзырщ БиблиемкІэ гупсэхугъуэ къыдитыну.