ОБЛОЖКЭМ ТЕТ ТЕМЭР | БИБЛИЕМ ЕДЖЭНЫР ДАУЭ НЭХЪ ГЪЭЩІЭГЪУЭН ЗЭРЫПЩІ ХЪУНУР?
Библием сыт уеджэн щІыхуейр?
«Сэ си гугъэт Библиер къыбгурыІуэну гугъуу» (Жови).
«Ар егъэлеяуэ зэшыгъуэу къысщыхъут» (Квини).
«Библием и Іувагъыр щыслъэгъуам абы седжэну гукъыдэж сиІари сфІэкІуэдащ» (Езекиль).
Библием уеджэну гукъыдэж ущиІа, ауэ мыпхуэдэ гупсысэхэм укъыщагъэувыІа къэхъуауэ пІэрэ? Куэдым я гугъэщ Библием еджэну яхузэфІэмыкІыну. Ауэ Библием уи гъащІэр ихъуэжу, нэхъ насыпыфІэ узэрищІыфынур икІи абы удихьэхыу узэреджэфын Іэмал зэрыщыІэр къэпщІатэмэ-щэ? Библиер уэ сыткІэ къыбдэІэпыкъуфынуми къэпщІэну ухуейт?
Библием узэреджэр сэбэпышхуэ къызэрыпхуэхъур къызыгурыІуахэм я щапхъэм деплъынщ.
Илъэс 20-м щІигъуа Езекиль жеІэ: «Сэ япэм здэкІуэр зымыщІэж шофёрым срещхьт. Ауэ сэ Библиер къыздэІэпыкъуащ сытым сыхущІэкъунуми къэслъэгъуну икІи си гъащІэми мыхьэнэ къыхилъхьащ. Махуэ къэс сэбэп къыпхуэхъу чэнджэщхэр абы итщ».
Фридэ зицІэ хъыджэбзыр къыддогуашэ: «Сэ егъэлеяуэ сыкъэгубжьыгъуафІэт. Ауэ Библием и фІыгъэкІэ сипІэ сыкъимыкІыу, зысшыІэу зезгъэсащ. ЦІыхухэм нэхъ садэгъуэгурыкІуэфу сыхъуащ икІи ныбжьэгъу нэхъыби сиІэ хъуащ».
Илъэс 50-м щІигъуа Евникэ жеІэж: «Библиер къыздэІэпыкъуащ хьэл мыхъумыщІэхэр зыхэзнэу нэхъыфІ сыхъуну».
А цІыхухэми нэгъуэщІ цІыху мелуан куэдми Библиер къадэІэпыкъуащ нэгъэсауэ насыпыфІэ хъуну. Ар уэри къыбдэІэпыкъуфынущ (Исаия 48:17, 18). Абы и фІыгъэкІэ уэри пхузэфІэкІынущ: 1) Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къэпщтэну, 2) ныбжьэгъуфІхэр къэбгъуэтыну, 3) стрессым упэлъэщыну икІи псом нэхърэ нэхъапэр ар, 4) Алыхьым теухуа пэжыр къэпщІэну. Библием ит чэнджэщхэр Алыхьыращ къызыбгъэдэкІыр, абы къыхэкІкІэ уэ зэи ухущІегъуэжынукъым абыхэм узэрытетам. Зэран къытхуэхъун чэнджэщ Алыхьым дэ къыдитынукъым.
Псом нэхъапэр — ар щІэбдзэныращ. АбыкІэ сыт уэ къыбдэІэпыкъунур? Библием удихьэхыу дауэ узэреджэфынур?