105 УЭРЭДЫР
«Тхьэр езыр фІылъагъуныгъэщ»
-
1. Иеговэ дэ къыджеІэ:
«Си гъуэгу пэжыр фІыуэ флъагъу».
Тхьэр, гъунэгъур фІыуэ тлъагъумэ,
Махуэ къэс ІуэхуфІхэр тщІэнщ.
Ар насыпым и ІункІыбзэщ
А унафэр дгъэзэщІэнщ.
Лъагъуныгъэ мыухыжыр
ІуэхукІэ дэ къэдгъэлъэгъуэнщ.
-
2. Лъагъуныгъэ ди гум илъу,
Тхьэм и Іуэхухэм дыхэтынщ.
Дэ зыгуэркІэ дыщыуамэ,
ЩІэгъэкъуэн Ар къытхуэхъунщ.
Лъагъуныгъэр фыгъуэу щыткъым,
Зыщытхъужкъым, щабэу щытщ.
Зэи кІуэдыжкъым, хэлъщ гущІэгъур,
Тхьэм и хабзэм тегъэщІащ.
-
3. Къуэшым дэ ди жагъуэ ищІмэ,
Хуэдгъэгъуну дыхьэзырщ.
Адэм уи гум илъыр жеІи,
СыткІи уэ абы щыгугъ.
Гъуэгу фІы дыдэ къызэІуихри,
Щапхъэ дахэ ар тхуэхъуащ.
Ди Алыхьыр, ди гъунэгъур,
Гурэ псэкІэ фІыуэ лъагъу.
(Абы нэмыщІ феплъ Мк. 12:30, 31; 1 Кор. 12:31—13:8; 1 Ин. 3:23.)