Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

47 УЭРЭДЫР

Иеговэ махуэ къэс тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ

Иеговэ махуэ къэс тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ

(1 Фессалоникэ 5:17)

  1. 1. Уэ махуэ къэс Иеговэ елъэІу.

    ЛъапІэу уэ лъытэ Абы къыпхуищІар.

    Уи гум илъ псори Абы хузэІух

    Уэ мамырыгъэр, гупсэхур къыуитынщ.

    Адэм елъэІу махуэ къэс.

  2. 2. ГъащІэ къыуитам щхьэкІэ фІыщІэ Тхьэм хуэщІ,

    Уэ гущІэгъушхуэ абы къыпхуищІащ.

    Уи гуэныхь пщІахэр хуэІуатэ абы,

    ФІыуэ ещІэж укъызыхэщІыкІар.

    Адэм елъэІу махуэ къэс.

  3. 3. Уэ гъэунэхуапІэ уихуамэ, елъэІу,

    Ар щІэгъэкъуэн къыпхуэхъуну хьэзырщ.

    И къару лъапІэр къыуитыну елъэІу,

    ЛІыгъэ къыпхилъхьэу, гугъапІэ пхуэхъунщ

    Адэм елъэІу махуэ къэс.

(Абы нэмыщІ феплъ Пс. 65:5; Мт. 6:9—13; 26:41; Лк. 18:1.)