57 УЭРЭДЫР
ХъыбарыфІыр лъэпкъ псоми ялъыдогъэІэс
-
1. Дэ хъыбарыфІыр цІыхухэм яжетІэнщ,
Иеговэ ещхьу теплъэм демыплъын.
Къригъэлыну лъэпкъыу хъуар Ар хуейщ,
И хабзэ дахэр къаригъэцІыхунщ.
ЕЖЬУ
ЦІыхум и фэм уэ уемыплъ,
Тхьэшхуэр зэплъыр ди гуращ.
И хъыбарыфІыр псоми хуэгъэзащ.
ЦІыхуу хъуам я деж дыкІуэнщ,
Алыхь пэжыр къедгъэщІэнщ.
Иеговэ хъунщ абыхэм я ныбжьэгъу.
-
2. Хъыбар къетхьэкІым гъащІэр кърегъэл,
А Іуэхум ди гур дэ етауэ щытщ.
Тхьэм цІыхум и гум илъу хъуар елъагъу,
Абы фІы илъмэ, ар гъунэгъу зыхуещІ.
ЕЖЬУ
ЦІыхум и фэм уэ уемыплъ,
Тхьэшхуэр зэплъыр ди гуращ.
И хъыбарыфІыр псоми хуэгъэзащ.
ЦІыхуу хъуам я деж дыкІуэнщ,
Алыхь пэжыр къедгъэщІэнщ.
Иеговэ хъунщ абыхэм я ныбжьэгъу.
-
3. Иеговэ и гъуэгу пэжыр зэІухащ,
И нэфІ щыхуэнщ а гъуэгум теувам.
А гъуэгум дунеищІэм дыхуишэнщ,
Дэ лъэпкъыу хъуам а гъуэгур къедгъэщІэнщ.
ЕЖЬУ
ЦІыхум и фэм уэ уемыплъ,
Тхьэшхуэр зэплъыр ди гуращ.
И хъыбарыфІыр псоми хуэгъэзащ.
ЦІыхуу хъуам я деж дыкІуэнщ,
Алыхь пэжыр къедгъэщІэнщ.
Иеговэ хъунщ абыхэм я ныбжьэгъу.
(Абы нэмыщІ феплъ Ин. 12:32; Апост. 10:34; 1 Тим. 4:10; Тит 2:11.)