67 УЭРЭДЫР
«Тхьэм и псалъэр цІыхухэм егъащІэ»
-
1. Адэм къалэн дэ къыдитащ,
И цІэ лъапІэр мы дунейм щыдгъэІунщ.
Дэ быдэу ди фІэщхъуныгъэр щытщ,
ГугъапІэ диІэр цІыхухэм яжетІэнщ.
ЕЖЬУ
Уэ псалъэр гъэІу!
Ар лъэпкъ псоми зэхрах.
Псалъэр гъэІу,
Тхьэм и махуэр къэсыпащ.
Псалъэр гъэІу,
ЦІыху щэныфІэм зэхегъэх.
Псалъэр гъэІу,
Мы щІылъэ псом!
-
2. Ди фІэщхъуныгъэр хэдгъэхъуэнщ,
Дэ апхуэдэу бийхэм дапэщІэтынщ.
Иеговэ дзыхь хуэтщІу дыпсэунщ,
Гугъуехьхэм лІыгъэ тхэлъу датекІуэнщ.
ЕЖЬУ
Уэ псалъэр гъэІу!
Ар лъэпкъ псоми зэхрах.
Псалъэр гъэІу,
Тхьэм и махуэр къэсыпащ.
Псалъэр гъэІу,
ЦІыху щэныфІэм зэхегъэх.
Псалъэр гъэІу,
Мы щІылъэ псом!
-
3. Адэм и махуэр къэблэгъащ,
Нэхъ жыджэру хъыбарыфІыр дгъэІунщ.
ЦІыху псоми пэжыгъэр къедгъэщІэнщ,
Апхуэдэу Адэм и цІэр дгъэлъэпІэнщ.
ЕЖЬУ
Уэ псалъэр гъэІу!
Ар лъэпкъ псоми зэхрах.
Псалъэр гъэІу,
Тхьэм и махуэр къэсыпащ.
Псалъэр гъэІу,
ЦІыху щэныфІэм зэхегъэх.
Псалъэр гъэІу,
Мы щІылъэ псом!
(Абы нэмыщІ феплъ Мт. 10:7; 24:14; Апост. 10:42; 1 Пет. 3:15.)