Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

68 УЭРЭДЫР

Пащтыхьыгъуэм и жылэр хыдосэ

Пащтыхьыгъуэм и жылэр хыдосэ

(Маттэ 13:4—8)

  1. 1. Дэ дыкъыхихащ Иеговэ,

    Пэжыгъэм и жылэр хэтсэнщ.

    Ущие, чэнджэщ къыдитынущ,

    Гъуэгу захуэр дэ дигъэлъэгъунщ.

    Зигу къабзэм а жылэр игу лъэІэсынщ,

    Абы Тхьэм и пэжыр къищтэнщ.

    Иеговэ лэжьыгъэ дэ дзыхь къытхуищІам

    Дыхэтынщ, ди къарур етхьэлІэнщ.

  2. 2. А Іуэхум жыджэру дыхэтмэ,

    Дэ ехъулІэныгъэ диІэнщ.

    Алыхьым и гъуэгу къэзылъыхъуэр

    Хуэныкъуэщ ди дэІэпыкъуэгъу.

    Хуэзамэ я гъащІэм гуауэ, бэлыхь,

    Иеговэ къару къаритынщ.

    А жылэ хэтсар цІыхухэм я гум нэсынщ,

    Дэ гуфІэгъуэ абы къытхуихьынщ.

(Абы нэмыщІ феплъ Мт. 13:19—23; 22:37.)