74 УЭРЭДЫР
Пащтыхьыгъуэм и уэрэдым фыдежьу!
-
1. Дахащэщ Пащтыхьыгъуэм и уэрэдыр!
АбыкІэ Адэр догъэлъапІэ дэ.
ГугъапІэ дэ и псалъэхэм къыдатыр.
ХэІэтыкІауэ жыІэ уэ уэрэд:
ЕЖЬУ
«Фэ фыкъеблагъэ Адэм деж,
И Къуэр Пащтыхьщ — хъыбарыр вгъэІу
ЗэвгъащІэ Пащтыхьыгъуэм и уэрэдыр
Иеговэ щІыхьыр хуэфщІ — вгъэлъапІэ Ар».
-
2. Дэ Пащтыхьыгъуэм щІыхь худощІ уэрэдкІэ,
Иджы мы щІылъэр хъуащ Пащтыхьым ей.
Алыхьым къыхиха Мэссихь и къуэшхэр
Пащтыхьым нобэ хуохъур щІэгъэкъуэн:
ЕЖЬУ
«Фэ фыкъеблагъэ Адэм деж,
И Къуэр Пащтыхьщ — хъыбарыр вгъэІу
ЗэвгъащІэ Пащтыхьыгъуэм и уэрэдыр
Иеговэ щІыхьыр хуэфщІ — вгъэлъапІэ Ар».
-
3. Іэдэбхэ, фыдежьу мы уэрэд дахэм,
Ар гуапэщ, тыншу, пэжу зэхалъхьащ
Дыхуейщ Алыхьыр псоми къацІыхуну,
Зэгъусэу мы уэрэдыр дэ жытІэнщ:
ЕЖЬУ
«Фэ фыкъеблагъэ Адэм деж,
И Къуэр Пащтыхьщ — хъыбарыр вгъэІу
ЗэвгъащІэ Пащтыхьыгъуэм и уэрэдыр
Иеговэ щІыхьыр хуэфщІ — вгъэлъапІэ Ар».
(Абы нэмыщІ феплъ Пс. 95:6; 1 Пет. 2:9, 10; Апок. 12:10.)