Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

3-НЭ УРОКЫР

Библием дзыхь хуэпщІ хъуну пІэрэ?

Библием дзыхь хуэпщІ хъуну пІэрэ?

Библием гугъапІэрэ чэнджэщыфІ куэдрэ къыдет. А тхылъым итым теухуауэ нэхъыбэ къэпщІэну ухуейуэ къыщІэкІынщ. НэгъуэщІ лъэныкъуэкІи уэ мыпхуэдэу уегупсысынкІэ хъунущ: «Библиер зэратхрэ сыт щІа?! Абы итым дзыхь хуэпщІ хъуну?» Ди гъащІэмрэ ди къэкІуэнымрэ теухуауэ Библием жиІэм дзыхь щІыхуэтщІын щхьэусыгъуэ диІэу пІэрэ? Мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэм Библием дзыхь хуащІ, уэри абы дзыхь хуэпщІ хъуну пІэрэ? Ар зэхэдгъэкІынщ.

1. Библием итыр пэж хьэмэрэ шыпсэ?

Езы Библием зэрыжиІэмкІэ, абы «псалъэ пэжхэр» итщ (Экклезиаст 12:10). Абы зи гугъу ищІ цІыхухэмрэ Іуэхугъуэхэмрэ пэж дыдэу щыІащ. (Къеджэ Лука 1:3; 3:1, 2.) Тхыдэм елэжь куэдымрэ языныкъуэ археологхэмрэ щыхьэт тохъуэ Библиер зытепсэлъыхь зэманыр, цІыхухэр, щІыпІэхэр икІи Іуэхугъуэхэр пэж дыдэу зэрыщыІам.

2. Библиер жьы хъуауэ жыпІэ щІэмыхъунур сыт?

Библиер и зэманым япэ ищауэ жыпІэ хъунущ. Щапхъэу наукэр къэтхьынщ. Наукэм епхауэ абы итыр а зэманым псэуа цІыхухэм пцІыуэ къащыхъут. Ауэ нобэ щІэныгъэлІхэм къызэрахутамкІэ, Библием итыр пэжщ. Абы и псалъэхэр «игъащІэкІэ щыІэнущ, кІуэдыжынукъым» (Псалом 111:8).

3. Ди къэкІуэным теухуауэ Библием жиІэр уи фІэщ щІэпщІ хъунур сыт?

Къэхъун хуей псалъэхэу a «иджыри къэмыхъуар» Библием итщ (Исаия 46:10). Тхыдэм къиІуэтэж Іуэхугъуэ куэдым теухуауэ Библием щыжыІауэ щытат, ахэр къэхъуным иджыри зэман куэд иІэу. Абы нэмыщІ ди зэманым теухуауэ Библием жиІэри пэж дыдэщ. Мы урокым абы нэхъыбэу дыщытепсэлъыхьынущ.

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

Библием итымрэ наукэм жиІэмрэ зэрызэтехуэм дытепсэлъыхьынщ. Абы нэмыщІ зэпкърытхынщ къэхъун хуейуэ Библием зи гугъу ищІ Іуэхугъуэхэр къызэрыхъуар.

4. Наукэм жиІэмрэ Библием итымрэ зэтохуэ

Пасэ зэманым щІыр зыгуэрым тету ябжт. ВИДЕОМ феплъ.

Илъэс 3500 хуэдиз ипэ Иов тхылъым иратхам еплъ. Иов 26:7 итым фыкъеджи мыбы фегупсыс:

  • ЩІыр зыгуэрым фІэдзауэ зэрыщымытыр а зэманым псэуахэм я дежкІэ фІэщхъугъуейуэ сытыт щІыщытыр?

Илъэс 200 хуэдиз ипэкІэщ «круговорот воды» жыхуаІэр къызэрыхъур цІыхухэм къащыгурыІуар. Ауэ илъэс 3500 хуэдиз ипэ Библием иратхауэ щытар гъэщІэгъуэнщ. Иов 36:27, 28 итым фыкъеджи къыкІэлъыкІуэ упщІэхэр зэпкърыфх:

  • Дауэ уеплърэ, «круговорот воды» жыхуаІэм мы едзыгъуэхэр гурыІуэгъуэу тепсэлъыхьрэ?

  • Библием нэхъыбэу дзыхь хуэпщІыну мы едзыгъуэхэр къыбдэІэпыкъурэ?

5. Библием щыжыІат мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэхэр къызэрыхъунур

Исаия 44:27—45:2 итым фыкъеджи мыбы фегупсыс:

  • Бабилэн къалэр зэраубыдынум теухуауэ сытыт Библием щыжыІар, а Іуэхугъуэр къэхъуным илъэс 200 хуэдиз иІэжу?

Ди эрэм ипэ 539 гъэм Персием и пащтыхь Кир и зауэлІэхэр и гъусэу Бабилэным зэрытеуам тхыдэр щыхьэт тохъуэ. Кир и зауэлІхэм псыежэхым псы къыхэж хуащІри, езы псыежэхыр нэхъ чэнж ящІащ. Абы и фІыгъэкІэ зауэлІхэр тыншу псым зэпрыкІащ. ГъэщІэгъуэныращи, къалэ куэбжэр ямыгъэбыдауэ къыщІэкІащ икІи Кир тыншу къалэм дыхьэри ар иубыдащ. Абы лъандэрэ илъэс 2500 щІигъу дэкІами, нобэр къыздэсым Бабилэныр къутахуэхэм хэлъщ. Абы теухуауэ Библием щыжыІауэ щытам еплъ.

Исаия 13:19, 20 итым фыкъеджи мыбы фегупсыс:

  • Мы псалъэхэр дауэ гъэзэщІа зэрыхъуар?

Бабилэн къалэм и къутахуэхэр. Ирак

6. Нобэ дунейм къыщекІуэкІ Іуэхугъуэхэр къызэрыхъунур Библием щыжыІауэ щытат

Библием зэрыжиІэмкІэ, дэ «иужьрей махуэхэм» дыщопсэу (2 Тимофей 3:1). Ди зэманым теухуауэ Библием мыпхуэдэу жеІэ:

Маттэ 24:6, 7 итым фыкъеджи мыбы фегупсыс:

  • Иужьрей махуэхэм теухуауэ сыт Библием щыжыІар?

2 Тимофей 3:1—5 фыкъеджи къыкІэлъыкІуэ упщІэхэр зэпкърыфх:

  • Иужьрей махуэхэм цІыхухэм яхэлъыну хьэл-щэнхэм теухуауэ Библием сыт жиІэр?

  • А хьэл-щэнхэм щыщу сыт хуэдэхэра цІыхухэм яхэлъу уэ гу зылъыптэр?

ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «Библиер таурыхърэ шыпсэкІэрэ зэхэлъщ».

  • Библием дзыхь хуэпщІ зэрыхъунур нэхъыбэу сыт уи фІэщ зыщІыр?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Тхыдэр, наукэр икІи къэхъун хуей псалъэхэу Библием итыр къызэрыхъуар щыхьэт тохъуэ а тхылъым дзыхь хуэпщІыну зэрыхуэфащэм.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Библием итыр пэж хьэмэрэ пцІы?

  • Наукэм къихутамрэ Библием итымрэ зэрызэтехуэм и щапхъэ къэпхьыфыну?

  • Дауэ уеплърэ, къэхъун хуей псалъэхэу Библием итыр гъэзэщІа хъурэ?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Наукэм темыхуэ гуэр Библием иту пІэрэ?

«Библием итыр наукэм къихутам техуэрэ?» (интернет-статья)

Алыдж империем теухуауэ Библием щыжыІауэ щытар гъэзэщІа зэрыхъуам теухуауэ къащІэ.

«Библием итыр гъэзэщІа зэрыхъунум шэч къытетхьэкъым» (5:22)

Зы цІыхухъу гуэрым къэхъун хуей псалъэхэу Библием итым теухуауэ нэхъыбэ къыщищІам, а тхылъым зэрыхущытым зихъуэжащ. Абы и хъыбарым теухуауэ къеджэ.

«Сэ Алыхьыр зэрыщыІэр си фІэщ хъутэкъым» («ХъумакІуэ чэщанэ» № 5 2017)

a Къэхъун хуей псалъэкІэ йоджэ ди къэкІуэным теухуауэ Алыхьым къыбгъэдэкІ хъыбарым.