Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

5-НЭ УПЩІЭР

Сыт сщІэ хъуныр, зэранщІакІуэхэм лей къыстрагъэхьэмэ?

Сыт сщІэ хъуныр, зэранщІакІуэхэм лей къыстрагъэхьэмэ?

МЫ УПЩІЭМ И ЖЭУАПЫР ПЩІЭНЫМ МЫХЬЭНЭ ЩІИІЭР СЫТ?

Уэ зэрызыпщІым елъытащ уи Іуэхур нэхъ тынш е нэхъ гугъу хъунуми.

СЫТЫТ УЭ ПЩІЭНУР?

Мыпхуэдэ Іуэхугъуэ уи нэгу къыщІэгъэхьэт: Томас школым кІуэну хуейкъым. Ноби. Пщэдеи. Зэи. Мазищ ипэ абы къыдеджэхэм пцІы къытралъхьащ икІи и жагъуэ хъун цІэ лейхэр къыфІащу щІадзащ. Иныкъуэм деж абы тхылъхэр къыІэщІаудт е къыжьэхэуэти зыри къэмыхъуа хуэдэу защІт. Ауэ дыгъуасэ Томас и Іуэхур нэхъ Іей хъуащ. Абы электроннэ письмо къыхурагъэхьащ, школым къакІуэмэ, ар яукІыну иту...

Сытыт уэ пщІэнур, Томас и пІэ уитамэ?

КЪЭУВЫІИ ЕГУПСЫС!

Уэ къару къомыгъэсэбэпу зэранщІакІуэхэм упэщІэтыфынущ. Дауэ?

  • УКЪЭМЫГУБЖЬ. Библием жеІэ: «Хэти... щІэх иремыпсалъэ, щІэхи иремыгубжь» (Екъуб 1:19). Уэ зыпІыгъыфмэ, икІи уи пІэм укъызэрырамышыфыр ялъагъумэ, зэранщІакІуэхэр къыпкІэрыкІынущ.

  • КЪЫУАЩІАР ЙОМЫЩІЭЖ. Библием мыпхуэдэу итщ: «3ыгуэрым и бзаджагъэм бзаджагъэкІэ фыпэмыувыж» (Рим 12:17). КъыуащІар епщІэжмэ, Іуэхур нэхъыфІ мыхъуу, нэхъ Іей хъуну аращ.

  • УЗЫПЭЩІЭХУЭФЫНЫМ ЕГУПСЫС. Библием щыжыІащ: «Іущым шынагъуэ зыпэщІэхуэнур елъагъури зыщехъумэ» (Притчи 22:3). ЗэрыпхузэфІэкІкІэ зэранщІакІуэхэм пэжыжьэу зыІыгъ.

  • ПСАЛЪЭ ІЕЙ ПОМЫДЗЫЖ. Библием итщ: «Фи псалъэхэр ирегуапэ» (Колоссэ 4:6). Ауан уащІу зыгуэр къыбжаІэмэ, уи жагъуэ умыщІ. Псалъэм папщІэ, упшэру къыбжаІэмэ, зыри Іей помыдзыжу, укъыпыгуфІыкІыу мыпхуэдэу жыпІэ хъунущ: «Пэжщ, тІэкІу кІэрызгъэхуами хъунут».

  • ЗЫКЪЭГЪАЗИ ІУКІЫЖ. Илъэс 19 хъу Норэ жеІэ: «ЗыпІыгъыу, зыри жомыІэу уІукІыжмэ, уэ узэрыбалигъыр икІи ауан узыщІым нэхърэ нэхъ узэрыгубзыгъэр къэбгъэлъэгъуэнущ. Абы иджыри къегъэлъагъуэ уэ уи жагъуэ зыщІым хуримыкъу шыІэныгъэ узэриІэр» (2 Тимофей 2:24).

  • ЗЫТОМЫГЪЭГУШХУЭ. ЗэранщІакІуэхэм занщІэу ялъагъу и щхьэм пщІэ хуэзымыщІыжыр икІи жэуап къозымытыжыфынур. Уи жагъуэ зыщІыр къыпкІэрыкІыну къыщІэкІынщ, ар зэрызытомыгъэгушхуэр илъагъумэ.

  • НЭГЪУЭЩІХЭМ КЪЕГЪАЩІЭ. ЕгъэджакІуэу лэжьа цІыхубз гуэрым жеІэ: «Лей зытрагъэхьэхэм яжызоІэ къэхъуар нэгъуэщІхэм жраІэну. Апхуэдэу ящІэмэ, абы яфІ къикІынущ икІи зэранщІакІуэр нэгъуэщІхэми афІэкІа зэран хуэхъужыфынукъым».

Уи щхьэм пщІэ хуэпщІыжмэ, зэранщІакІуэм имыІэ къарум хуэдэ уиІэу жыпІэ хъунущ